【协会动态】BPEA跨境投融资专委会-专题研...
Мэлайзиэ мэл.-бз. Malaysia | |||||
| |||||
![]() | |||||
Гоуидзэр: ?Bersekutu Bertambah Mutu? | |||||
Къэрал уэрэд: ?Negaraku (сихэку)? (![]() | |||||
Щыхалъхьар | 1957 гъэм Шыщхьэ?ум и 31-нэм | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | мэлаибзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Кууалэ-Лумпур | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Кууалэ-Лумпур | ||||
?энат?э хабзэр | федерациэ конституциэ пащтыхьей | ||||
Янг ди-Пертуан Агонг Премиер-министр | Абдулла аль-Хьэж Мохатхир Мохьэмэд | ||||
Къэралым и джылэр ? Зэралъытэмк?э (2024) ? ?увагъыр | 34,564 млн ц?ыху (42-нэ) 85,8 ц?ыху/км2 | ||||
ВК?уП ? Къыхэк?ыр (2008) ? Зы ц?ыхум къытехуэр |
$384 млрд. (30-нэ) $14 081 | ||||
Этнохоронимыр | Мэлазейхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | Ринггит | ||||
Интернет-доменхэр | .my | ||||
Телефон кодыр | +60 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +8 | ||||
![]() |
Мэлайзиэ (мэл.-бз. Malaysia) — Азиэ ипшъэ къуэк?ып?эм щыщ къэрал. Ар Хъутей хы ипшъэм т?ууэ еугуэч:
- Къуэхьэп?э Мэлайзиэ (зэреджэр — Мэлайэ) Мэлакка хыт?ыгуныкъуэм ипшъэр еубыд, ипшъэмк?э и гъунапкъэхэр Сингэпурымк?э, ишъхъэрэмк?э Сиамымк?э йок?уэк?. Мэлаккэ псыдэжым адэк?э Индэнезиери.
- Къуэк?ып?э Мэлайзиэ (Сэбахьрэ Сэрэуакъ провинциэхэр) Калимантан хыт?ыгушхуэм и ишъхъэрэ къуэхьэп?эм тетшъ. Хы лъэныкъуэмк?э Брунейм и гъунапкъэхэр йок?уэк?, ипшъэмк?э Индэнезиер игъунэщ.
Къэрал зэхэтык?эр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мэлайзием зыкъегъэлъагъуэ къэралц?ык?у 13-рэ федералым еуэ ш?ып?ищрэ зэхэт зи пащтыхь чэзуурэ къызыхах фидирал конституцэ пащтыхьейщ. Абыхэм ящыщ штат 11-рэ фидирал щ?ып?ит?рэ Мэлаккэ хыт?ыгуныкъуэм тещ, я штатит?рэ зы фидирал ш?ып?эмрэ Калимантан хыт?ыгум. Штатит?ыр пащтыхьейщ, абыхэм ящыщ блы - сулът?анейхэщ, зыр - раджастанщ, зыр ауэ сытыми дипертуанщ. Адрей штатипл?ыр губерниэхэщ. Фидирал щ?ып?эхэр къэрал Хабзащхьэм егъэзахуэ. Илъэситху къэс къэралц?ык?ухэм зы пащтыхьымрэ абы и къуэдзэмрэ къыхах. Мэлайзием я пащтыхьым зэреджэр янг ди пертуан агонг.
Къэралым хабзэу хъуар губернаторхэмрэ штатхэм я нахъыщхьэхэмрэ аразы ямыщ?ауэ къагъэсэбэпыну хуткъым. Ар пащтыхьым и къарум емылъытауэ.
Мэлайзием и Пэрламентыр т?ууэ еугуэш: ищхьэ пэлат (штатхэмрэ фидирал щ?ып?эхэмрэ я зэхуэс), ищ?агъ пэлат (Синат). Ищхьэ пэлатым и ухуэныгъэр хэхыгъуэм тещ?ыхьащ. Ищ?агъ пэлатыр штат къэсыху щыщит?рэ пащтыхьым езым къыхих щыщхэмк?э зэхэтщ.
Пащтыхьым и къулыкъум и мыгьэнэр Япэрыт Министрэм деж щеух. Къэралым и ?уэхухэр, политикэр, абым егъэзащ?э.
Мэлайзием дин щхьэхуит я?эщ. Ц?ыхум езым сытхуэдэ дин и?ыгъынуми езым къыхихыну хуитыныгъэ кэнституцым къырет. Ауэ жылэдэсхэм я нахъыбэм (60%) Ислъамыр я?ыгъщ.
Мэлайзием и Япэрыт Министрэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- 1963—1970 — Абдул Рахьман
- 1970—1976 — Абдул Разакъ
- 1976—1981 — Хъусен Онн
- 1981—2003 — Мэхатхьир Мыхьамэд
- 2003—2009 — Абдула Ахьмэд Бэдауи
- 2009 — Мохьд Наджиб бин Тун Хьэджи Абдул Разакъ
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымк?э. Проектым удэ?эпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэф?эк?ыгъуэфк?э нэхъ тэрэзымк?э зэхъук?ын хуэй. |