政府单位受邀倾力打造中国应急救灾展公益活动
Филипинхэр таг.-бз. Republika ng Pilipinas ин-бз. Republic of the Philippines | |||||
| |||||
![]() | |||||
Гоуидзэр: ?Maka-Diyos, Makatao, Makakalikasan, at Makabansa? | |||||
Къэрал уэрэд: ?Lupang Hinirang? (![]() | |||||
Щыхалъхьар | 1898 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | тагалыбзэ, инджылыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Манилэ | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Куезон Сыти, Манилэ | ||||
?энат?э хабзэр | президент республикэ | ||||
Президентыр | Rodrigo Duterte | ||||
Ш?ып?эр ? Псори ? % псым п?эуэ иубыдыр | 299 764 км2 0,6 | ||||
Къэралым и джылэр ? Зэралъытэмк?э (2009) ? ?увагъыр | 91 983 000 ц?ыху (12-нэ) 306 ц?ыху/км2 | ||||
ВК?уП ? Къыхэк?ыр (2008) ? Зы ц?ыхум къытехуэр |
$317,964 млрд (36-нэ) $3515 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Филипинхэм я песэ (PHP) | ||||
Интернет-доменхэр | .ph | ||||
Телефон кодыр | +63 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +8 | ||||
![]() |
Филипинхэр (таг.-бз. Republika ng Pilipinas, ин-бз. Republic of the Philippines) — Азиэ ипшъэ къуэк?ып?эм щыщ къэрал. Къалэ нэхъыщъхьэр — Манилэ.
Ар Акиан Щэхум хэт хыт?ыгу зыбжанэм тетщ. Хъуреягък?э хы зэмыл?эужьыгъуэхэм ялъэс: Хъутей хы ипшъэ, Филипин хы, Сулу хы, Сулавеси хы. А хыхэм узыпхырысык?ымэ Хъутейм, Тайуаным, Виетнамым, Сиамым, Мэлайзиэм, Сингэпурым, Кэмбоджэм, Индэнезиэм унэсыфынущ. Филипинхэм я къалэ нэхъ ин дыдэр Куезон Сытищ я къалащхьэр Манилэщ. Ахэр Лусон хыт?ыгум тетхэщ.
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Филипинхэр Акиан Щэхумырэ Индиэ Акианымырэ я зэхуакум дэлъ Мэлай архипелагым хэт хыт?ыгу зыбжанэм тетщ. А хыт?угухэм яц?эр Филипин архипелагщ. Хъуреягък?э хы зэмыл?эужьыгъуэхэм ялъэс: Хъутей хы ипшъэ, Филиппин хы, Сулу хы, Сулавеси хы. А хыхэм узыпхырысык?ымэ Хъутейм, Тайуаным, Виетнамым, Сиамым, Мэлайзиэм, Сингэпурым, Кэмбоджэм, Индэнезиэм унэсыфынущ. Филипинхэм я къалэ нэхъ ин дыдэр Куезон Сытищ я къалащхьэр Манилэщ. Ищхьэмк?э зэрытхамк?э а къалэхэр Лусон хыт?ыгум тетхэщ.
Филипинхэм я хыт?ыгу зэмылъэужьыгъуэм и щ?ып?этхыпхъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Филипинхэм и хыт?ыгухэм я бжыгъэр миниблырэ щэм щ?егъу. Абыхэм я нэхъ инхэр: Лусон, Миндэнао, Сэмар, Пэнай, Пэлэуан, Негрос, Миндэро, адрейхэри. Филипинхэр к?ыхьагък?э ипщ?эм щыщ?эдзауэ ищхъэрэм нэс килэметрэ 2000-м нос. Къуэк?ып?эм щыщ?эдзауэ къуэхьэп?эм нэс и бгъуагъыр килэметрэ 900-м нос. Ищхъэрэ къуэхьэп?эмк?э ?уфэр Хъутей хы ипшъэм елъэс, Къуэк?ып?эмк?э - Филипин хым, Ипщэ къуэхьэп?эмк?э - Сулу хым, Ипщэмк?э - Сулавеси хым. Ищхъэрэмк?э Лусон хыт?ыгумырэ Тайуан хыт?ыгумырэ зыпеху Баши псыдэжым, Ипщэ къуэхьэп?эмк?э Филипинхэм и хыт?ыгу Балэбакымырэ Мэлай Банггимырэ псыдэжым зэпехур. Ищхъэрэмк?и Филипин гъунапкъэр псыдэжым тетщ, ар Индэнезиэм къыпехук?. Филипинхэм и ?уфэу хъуам я к?ыхьагъыр зэхэплъхьэмэ км мин-36,3-м хуэдиз хъунущ. Езы хыт?ыгуу хъуам я щ?ып?эр км2 мин-299,7-м хуэдизщ.
Филипинхэм и лъащ?эр бгы защ?эщ и нахъыбэм. Къей нэхъ лъагэ дыдэр метрэ 2954-рэ зи лъэгагъ къэбэкъауэ Апуощ. Ар Миндэнао хыт?ыгум тетщ. Архипелагым и щ?ылъэр нэхъыбап?эм къэбэкъауэ маф?эпс жам телъщ. Нэхъри а щ?ып?эхэр щ?ылъэм къэ?этауэ щыт литосферэ плитымырэ хыщ?агъ литэсферэ плитымырэ я зыжьыхэуап?эм лъос, ар щ?ыхъей куэдыу къыщыхъу Акиан Щэху маф?эбжьэм щыщ щ?ып?эхэщ. Абы къыхэк?ыу Филипинхэмк?э гъэщ?эгъуэнкъым хыт?ыгухэм я нахъыбэр къэбэкъауэхэм къызэригъэщ?ар.
Миндэнао хыт?ыгум Филипин хым и ?уфэм и пэмыжыжьэу нэхъ куу дыдэхэм ящыщ зы хы арахъэ щи?эщ. Ари литэсферэ плитхэм я зыжьыхэуэгъуэм и ягъэщ. А хы арахъэм иц?эр Филипин арахъэщ, и кууагъыри метрэ 10830-м хуэдизщ.
Филипинхэм ипсхэмырэ гуэлхэмырэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Филипинхэм хыт?ыгу къэс я псы ежэх ц?эры?уэ я?эщ, псы къэс таурыхъ лъэпкъхэм яусащ. Нэхъ к?ыхь дыдэу Филипин архипелагым псыуэ и?эхэр:
- Миндэнао - км 320-рэ, Миндэнао хыт?ыгум ирожэ
- Агусан - км 350-рэ, Миндэнао хыт?ыгум ирожэ
- Пампанга - км 260-рэ, Лусон хыт?ыгум ирожэ
- Пуэрто-Принсеса - а псыр щ?ыщ?агъым щырожэ, ар дунейпсом щ?ыщ?агъ псыежэххэм щыщыу нэхъ к?ыхь дыдэу къалъытащ, и к?ыхьагъыр - км-8, Пэлэуан хыт?ыгум к?эщ?ож
Гуэл нэхъ инхэр:
- Лэгууна-де-Бай - Филипинхэм щыгуэлнэхъиндыдэщ, Лусон хыт?ыгум телъщ.
- Лэнауо Миндэнао хыт?ыгум и гуэл нэхъ ин дыдэщ, Филипин Республикэм щыет?ыуанэщ
Псэущхьэхэмырэ къэк?эгъэхэмырэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Филипинхэм и щ?ылъэм иныкъуэм хуэдизыр палмэхэр, баньянхэр, апитонгхэр, маяписхэр, кэучук къызыхах жыгхэр къыщык? тропик мэз псыфхэм яубыд. А мэзхэм абы намыщ? къыщок? архидейэхэр, кэрицэр. Метрэ 1200-м хым те?этык?а щ?ылъэхэм пабжьэхэр къыщок?, губгъуэхэр телъщ.
Филипин хыт?ыгухэм щыпсэу псэущхьэхэм ящыщщ: щыхьхэр, кхъуэп?ащэхэр, бзу зэмыл?эужьыгъуэ куэд исщ, ?уфэпсхэм бдзэжьей хэзщ, абы намыщ?и нэщ?эпк?и нэгъуэщ?хэри щыкуэдщ.
Къэрал зэхэтык?эр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Филипинхэр - конгресс т?ууащ?эу щыт, хей системэ хуитыу щыт президент республикэщ. Президентыр къызэрыхах п?алъэм и к?ыхьагъыр илъэсихщ, Сенатыр (п?э-24-рэ) - илъэсихщ, Къэзыгъэлъагъуэхэм я Пэлатыри (п?э-240) - илъэсищк?э.
Политик ?ыхьэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]?ыхьэ нахъыщхьэхэр:
- Лакас/Кампи/Чыристанырэ Мыслымэнырэ демэкратхэр — курыт, сенатэрипл?, депутат-142-рэ
- Национэлист Жылэ Коалицэ — курыт, сенатэрит?, депутат-28-рэ
- Либерал ?ыхьэ — сэмэгу-курыт ?ыхьэ, сенатэрипл?, депутат-14
- Национэлист ?ыхьэ — ижь-курыт, сенатэрищ, депутатий
- Байан — сэмэгу, депутатибл
- Демэкрат ?ыхьэ/Лабан — сэмэгу-курыт, 1 сенатор, депутатиплъ
- Пверса Масан — сэмэгу-курыт, сенаторит?, депутатищ
- Эпэзицэ Зэгуэт — курыт, сенаторит?, депутатищ
Абы намыщ? пэрламентым хэтщ ?ыхьэ зыбжанэ. Пэрламентым хэмыт ?ыхьэхэр - комунист ?ыхьит?ырэ зы "удзыфэ" ?ыхьэрэ. Зы комунист ?ыхьэм у?эщыгъэ дзэхэмк?э илъэс 1969-м щыщ?эдзауэ зэгъэпэщащ. А дзэхэм яц?эр - Жылэ Дзэщ?э (илъэс 1980-хэм уэрыл? мин-25-м ф?ок?, иджыпсту зэманым - минипл?ым нэскъым). Филипинхэм ислъам у?эщыгъэ гупхэри я лэжьыгъэр щырагъэк?уэк? - хуитынагъэм щхьэк?э мэзауэхэ (фронт моро Абу-Сайаф).
Щ?ып?эхэм я администрат ззэхэтык?эр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Флипинхэр провинс т?ощ?ипл?ыу зэхэтщ. Ахэр регион 17-к?э угуэшащ. ЗЫбжанэ къалэ хуитхэр провинсхэм хэмытыу щытщ, езыхэм я тхьэмадэгъуэр я?эу. Провинсхэр муниципэлитетыурэ хыхьэ къалэхэмк?э зэхэтщ, муниципалитетхэр ауэ барангаик?э зэхэтыжщ.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пасэрей зэманым
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Етхуанэ л?эщ?ыгъуэм щыщ?эдзауэ иджырей Филипинхэм я щ?ып?эхэм цивилизацэ щызэхэувак?эт, лъэпкъ хабзэ зэмыл?эужьыгъуэр и лъабжьэу. Егъащ?э лъандэрэ мыбы щыпсэу лъэпкъхэр (негритхэр, аэтхэр) пасэрей щ?ыналъэхэр, мылылъэхэр ялъэк?ыри яужьым къэехъул?эгъуэр къалъысащ - щ?ып?э хуабэхэм, хыт?ыгу мэз ?увхэм дэт?ысхьахэщ. Иеужьк?э Хъутейм къик?ыу Тайуанымк?э австронезий бзэхэмк?э псалъэ лъэпкъхэри дэт?ысхьахэщ мыбдеж. Хъутей дэжыгхэр ейанэ л?эщ?ыгъуэм къэса. Индэ-мэлай псытет пащтыхьейхэм я дамэм щ?эт Филипинхэр ебланэ л?эщ?ыгъуэм Фернан Магеланым еурэпейхэм къахузэ?уихащ. Хьэрыпхэр хыт?ыгухэм щытет?ысхьар епл?ынэ л?эщ?ыгъуэщ. Япэ еуропейхэм я къэсыгъуэм ирихьэл?эу иджырей Манилэм и щ?ып?эхэм раджахэр щыпщащ. Ахэр абы щыгъуэм Шривиджае пащтыхьейм къуэды иратт. Ауэ абы щыгъуэми Филипинхэр къэрал щхьэхуитыу щытащ, езыхэм я унафэр я?ыжыу.
Эспан лъэхъэнэр (1521-1898 гъэхэр)
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- 1521 гъэ - эспан зек?уэл? Фернан Магеллан Филипинхэм тот?ысхьэ.
- 1543 гъэ - архипелагым "Филипинхэр" ц?э - Эспан пщы Филип II иц?эк?э - зырихьэу щ?идзащ. Щ?ып?эхэр Эспанэщ?эм и блыгу щ?агъэуващ. Акэпулкэ - Манилэ хылъагъуэ тырадзащ. Икъук?э ц?ыху куэдым эспаныбзэр зырагъащ?эу щ?адзащ, католик диныр куэдым ящтащ. Ауэ мыслымэн куэдыу зыдэс ипщэ щ?ып?эхэр абы пэщ?оувэр.
- 1565 гъэ - Мэлыжьыхьым и 27-м эспан конкистэдор Мигел Лосе де Лагаспи у?эщыгъэ дзэм (ц?ыху щипл? хуэдиз) игъусэу хыт?ыгухэм къэсыри Себу (япэ дыдэ эспан къуажэ) дищ?ыхьащ.
- 1762 гъэм ?улыджыншэ зауэм яужьк?э Манилэ инджылыз дзэхэм яубыдащ. Ауэ илъэс дэмык?ыу Эспанэм къалэр иратыжащ. Абы еужь Эспанэм ебий филипин хъут хэхэсхэмырэ мыслымэнхэмырэ еныкъуэкъун щ?адзэ.
- е-XIX-нэ л?эщ?ыгъуэм эспаныбзэ филипинхэмырэ креолхэмырэ метисхэмырэ лъэпкъэгъу къудамэ къыхэк?ащ, ахэр Филипинхэм и хуитыныгъэм щхьэк?э ?энат?эм теуващ. Хосе Рисал, пропагандист нэхъ ц?эры?уэ дыдэр, 1896 гъэм Эспан хейм и унафэмк?э ипсэр хахащ. Абы еужь куэд дымык?ыу зи ?энат?эм ?ута "К-ищым" (йэ Капитунан) Филипин Револуцэр щ?идзащ. Абэхэм къехъул?ащ 1898 гъэм эспанхэр Филипинхэм ирахун.
Азиэм и къэралхэр |
|
---|---|
Къэралхэр | Азэрбиджан ? Афганистэн ? Бангладеш ? Бахрейн ? Бруней ? Бутан ? Виетнам ? Ермэлы ? Индиэ ? Индонезиэ ? Ирак ? Исраэл ? Ипшъэ Корей ? Ишъхъэрэ Корей ? Йемен ? Йордан ? Камбоджэ ? Катар ? Китай ? Кипр ? Къажэр ? Къазахъстэн ? Къыргъызстэн ? Кувейт ? Къуэхьэп?эм Тимор ? Лаос ? Ливан ? Малдивхэр ? Миянмэ ? Монгол ? Мэлайзиэ ? Непал ? Оман ? Пакистэн ? Сауд Хьэрыпей ? Сингапур ? Таджыкыстэн ? Тайлэнд ? Туркменстэн ? Тырку ? Узбэчыстэн ? Урысей ? Филипинхэр ? Хьарып ?эмирэт Зэгуэт ? Хъырцей ? Хъутей ? Шам ? Шри-Ланка ? Япон |
Дунейпсом къамылъыта къэралхэр | Апхъаз ? Вазиристэн ? Ипшъэ Осетиэ ? Къушъхьа-Карабах республикэ ? Тырку Республикэ Ишъхъэрэ Кипр ? Палестинэ Къэрал ? Хъутей Республикэ ? Шан Къэрал |
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымк?э. Проектым удэ?эпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэф?эк?ыгъуэфк?э нэхъ тэрэзымк?э зэхъук?ын хуэй. |